[go: up one dir, main page]

Jump to content

ӀутӀыж

Тхыгъэр къыздрахар Уикипедиэ
Аисэ и тэджыжьыгъуэ

ӀутӀыж (гр-бз. πάσχα) — чыристэныгъэм и нэхъ пэсырей махуэфӀхэм ящыщ, Аисэ и тэджыжьыгъуэм теухуауэ. ИджыпстукӀэ махуэфӀыр гъэ къэс махуэ зэщымыщхэм тохуэ, дыгъэгъазэ махуэгъэпсымкӀэ зэрагъэунэхум папщӀэ.

Адыгэ псалъэ ӀутӀыжыр къызэргъэунэхуамкӀэ КӀуэкӀуэхэ я тхылъ «Адыгэ унэцӀэхэр» псалъитӀым къыхокӀыр: Ӏу — жьэ, тэмакъ; тӀ (ыжын) — из щӀын. Бзэхэм я нэхъыбэм махуэфӀым и цӀэр зыщ и лъащӀэмкӀэ (гр-бз. πάσχα, исп-бз. La Pascua, урбз. Пасха), пэсырей журтыбзэм щыщ псалъэ Pesaḥ-м къытекӀахэу, Pesaḥ-р адыгэбзэм зэбдзэкӀмэ и мыхьэнэр блэкӀын е фӀэкӀын (згуэрэм).

ӀутӀыж хабзу хъуар тхьэлъэӀу екӀуэкӀыгъуэхэм зэфӀэува жыпӀэ хъунущ. Абы джэгу теухуа екӀуэкӀхэрами къызхэкӀхэр Бэрэзджышхуэм и иухыгъуэращ. Бэрэзджышхуэр екӀуэкӀыху, Еуропэм и лъэпкъ нэхъыбэхэм джэгу зыри ирагъэкӀуэкӀыртэкъым, псори ӀутӀыжым трагъахуэ хъут.

ӀутӀыжьыр, чыристэныгъэм и нэхъ гулъытыгъуэ махуэфӀ хуэдэу ТхьэлъэӀушхуэ абым теухуауэ ирагъэкӀуэкӀ. Чылисэхэм ижь лъандэрэ тхьэлъэӀур жэщым е нэхущым ирагъэкӀуэкӀыр.

Чылисэ пащхьэм ящӀа мафӀэфӀыр

Чыристэныгъэ къэзмыштауэ, ауэ хэхьэным пылъхэр Бэрэзджышхуэр яӀыгъа яуж, ӀутӀыж махуэм джор пщӀэхэлъхьэр ящӀырт.

ТхьэлъэӀум деж нэхъ гулъытыгъуэ зэратыр мафӀэращ. Ар тхьэм и нэхуу ялъытэр чыристэныгъэм. Алыджеймрэ Урысеймрэ я къалэ нэхъ инхэм, тхьэлъэӀур щӀамыдзэ щыкӀэ, мафӀэфӀым йожэхэр, Тхьэбэным и Чылисэм къырахын хуейм. МыфӀэр узыншу къынэсамэ, шоджэнхэм чылисэхэм зэбгырахри ар цӀыху тхьэлэӀум къекӀуэлӀахэм я уэздыгъэхэр а мафӀэмкӀэ щӀагъанэ.

Чылисэр здит хапӀэм деж мафӀэшхуэ ящӀыр. ЗыкӀэ абым и мыхьэнэр уэздыгъэми хуэдэу — лъынэрэ, нэхурэ. Абым нэмыщӀу Джудэ абым щагъэсыным папщӀэ. Абыми нэмыщӀу, а мафӀэм деж чылисэм къыщӀэкӀахэм е абым нэмысахэм загъэхуэбэфыным папщӀэ.